ТХЬЭМ ПАПЩIЭ БЭЛЫХЬ КУЭД ЗРАГЪЭШЭЧАХЭМ Я ФЭЕПЛЪЫМ ТРАУХУАЩ ТХЬЭЛЪЭIУР

08.02.2024
Просмотры: 781

Никольскэ соборым и пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм Кисловодск и Никольскэ соборым икIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр щрагъэблэгъащ. Махуэшхуэм и гуфIэгъуэр дагуэшыну къэкIуащ Черкесск къалэм и Никольскэ соборым икIыу Тхьэ елъэIуну кIуа гупыр. Щоджэн Гурин Александр и гъусэу адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ Тхьэ щелъэIуащ соборым, «Святыни земли родной» члисэ-тхыдэ музейм щIэлъ хьэпшыпхэм зыхагъэгъуэзащ, тхьэнапэхэм лъэIэсащ.

Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэмрэ гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжахэмрэ я щIыхькIэ и лъабжьэ члисэм зыплъыхьакIуэр щригъэкIуэкIащ къардэн Богомолов Сергий, «Святыни земли родной» тхыдэ-члисэ музейм - Бедикян Иринэ. Соборым и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэм яритащ Никольскэ соборыр къызэрыщ махуэгъэпсхэр.

Кисловодск и Пантелеимоновскэ члисэм щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэм защригъэплъыхьащ щоджэн нэхъыжь Акименкэ Сергий. Члисэм и Iэгъуэблагъэм щыIэ жорым деж Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэмрэ гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжахэмрэ я фэеплъым деж Сергий и гугъу щахуищIащ щихъхэу Димитрий, Можайск и архиепископ, Глиенкэ Димитрий, Лисицын Михаил сымэ я гъащIэмрэ гуащIэмрэ. Черкесск икIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэм унафэщIым тыгъэ хуащIащ Тверск и архиепископ, щихъ Фаддей зэрихьа лIыгъэм теухуа тхылъ.

781
Фотогалерея