АРХИЕПИСКОП ФЕОФИЛАКТ ЛИТУРГИЕ ЩРИГЪЭКIУЭКIАЩ ТХЬЭМ ПАПЩIЭ БЭЛЫХЬ КУЭД ЗРАГЪЭШЭЧАХЭМ Я СОБОРЫМ

04.02.2024
Просмотры: 876

2024 гъэм мазаем и 24-м, Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэмрэ гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжахэмрэ я Соборым и махуэм, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Пятигорск къалэм и Спасскэ кафедральнэ соборым. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ.ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм захуигъэзащ узэщIыныгъэкIэ. Архиепископ Феофилакт екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъэным щыпищащ Пятигорск епархием и ЩIалэгъуалэ центрым.

876
Фотогалерея