ДИН ЕГЪЭДЖАКIУЭХЭР ТЕПСЭЛЪЫХЬАЩ МЫХЬЭНЭ ЗИIЭ IУЭХУГЪУЭ ЗЫБЖАНЭМ

01.02.2024
Просмотры: 791

Кисловодск къалэм и Чристэн Свято-Сергиевскэ классикэ гимназием щIышылэм и 30-м щекIуэкIащ фIэщхъуныгъэмкIэ егъэджакIуэхэм я методикэ зэгухьэныгъэм хэтхэм я зэIущIэ. ОПК-мкIэ олимпиадэм и щIыналъэ Iыхьэр зэрырагъэкIуэкIынум, Чристэн гимназием самоуправленэ къызэрыщызэрагъэпэщынум, егъэджакIуэхэр «За нравственный подвиг учителя» урысейпсо зэпеуэм зэрыхэтынум тепсэлъыхьащ. Гимназием и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн къыхилъхьащ ХХХII Хъуромэ егъэджэныгъэ къеджэныгъэхэм къыщаIэта Iуэхугъуэхэм икIи Патриарх Кирилл зэхуэсым хэтхэм зэразыхуигъазэм къытеувыIащ. Методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI иеромонах Иоанн (Галумов) жиIащ Урыс Члисэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэм, гуэныхьхэр зрагъэIуэтэжахэм ятеухуа тхьэмахуэ къызэрагъэпэщыну. Зэхыхьэм хэтхэр арэзы техъуащ зэгъусэу ялэжьыну Iуэхугъуэхэм.

791