ЛИК КАВКАЗА №1 (187)

27.01.2024
Просмотры: 915

Дунейм къытехьащ Лик Кавказа газетым и  1 (187) номерыр.  Урысейпсо къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Кузнецов Виталий ИлъэсыщIэмрэ Христоc и Хъуромэмрэ ирихьэлIэу зэрехъуэхъуар къытехуащ номерым. Урысейпсо атаманыр СВО-м зэрыкIуам теухуа тхыгъи къытехуащ. ДНР-мрэ ЛНР-мрэ я сымаджэщхэм хущхъуэхэр зэрырагъашэм теухуа хъыбари хагъэхьащ. Ахэр зэхуахьэсащ Горячеводскэ къэзакъ зэгухьэныгъэм и цIыхубзхэм я советым хэтхэм. ХъыбарегъащIэ-публицистикэ газетым и япэ къыдэкIыгъуэм къытехуащ къэзакъыдзэм и атаманым теухуауэ къыдагъэкIа тхылъым и хъыбар, президент грантхэмкIэ фондыр и дэIэпыкъуэгъуу дунейм къытехьар. Апхуэдэу къыдэкIыгъуэм хабзэ зэхрыхъуауэ къыщыхьащ къэзакъ гъащIэм теухуа хъыбарыщIэхэр, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я Iэгъуэблагъэм щыIэхэр.

915