Черкесск ягу къыщагъэкIыжащ граждан зауэмрэ зи щIыналъэм ирагъэIэпхъукIахэмрэ я фэеплъыр. Къэзакъхэр ягу къагъэкIыжыну щызэхуэсащ Черкесск къалэм и Покров члисэм, жоррэ лажьэншэу яукIа баталпашинецхэм хуагъэува дапхъэмрэ здэщытым деж.
ПэкIум хэтащ Кубань къэзакъыдзэм и атаманым и къуэдзэ Медяников Максим, КъШР-м и Правительствэм хэтхэр, Парламентым и лIыкIуэхэр, Урысей МЧС-м и управленэ нэхъыщхьэм, МВД-м, къалэм и мэрием, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ящыщхэр, чристэнхэр, муслъымэнхэр, студентхэр, республикэм щыпсэухэр. Къэзакъхэр щIыналъэм и жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ирагъэблэгъащ, апхуэдэу Кубань къэзакъыдзэм щIыхь зиIэ и караулым и ротэр пэкIум хэтащ.
Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ мэжэщIэлIагъэм ихьахэмрэ ирагъэIэпхъукIа къэзакъхэмрэ папщIэ.
КъШР-м и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Поляков Евгений къыхигъэщащ хабзэхэмрэ фэеплъхэмрэ хъумэным мыхьэнэ зэриIэр, къэзакъхэм КъШР-м щадэIэпыкъун зэрыхуейр. Медяников Максим ягу къигъэкIыащ къэзакъхэр я щIыналъэм зэрырагъэIэпхъукIар икIи къыхигъэщащ тхыдэм къызэрыхэщым хуэдэу къэзакъхэм щIэблэм я гъэсэныгъэм ноби хэлъхьэныгъэ зэрыхуащIыр, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтыр, къэралым и зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэным зэрыхэлэжьыхьыр, Донбасс 7000-м къулыкъу зэрыщащIэр, зауэлI 800-м къэрал дамыгъэхэр къызэрыхуагъэфэщар.
КъШР-м лъэпкъ зэгухьэныгъэхэмкIэ и Советым и унафэщI Кончев Умар ягу къигъэкIыжащ къэзакъ лъэпкъым и тхыдэм и напэкIуэцI нэхъ шынагъуэхэр, нобэ я лъэпкъ щэнхабзэм, лъапIэныгъэхэм зэрызрагъэужьым, къэралым и цIыху щыпкъэхэр къазэрыщIэхъуэм, хуей хъумэ и пщIэр зыхъумэхэр.
Политикэ залымыгъэм хыхьэу яукIахэм я фэеплъу зы дакъикъэкIэ щыгъуахэщ. ПэкIур и кIэм щынэблагъэм жорым деж удз гъэгъахэр тралъхьащ.