Хъуромэ махуэхэм Лермонтовэ къалэм сабиибл къыщалъхуащ

09.01.2024
Просмотры: 1242

     2024 гъэм щIышылэм и 8-м, гъэ къэси хуэдэу, Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт анэхэм ехъуэхъуащ, Христос и Хъуромэм ирихьэлIэу сабий къызыщIэхъуахэм. Лермонтовэ къалэм мы махуэхэм сабиибл къыщалъхуащ. Абы щыщу хым я деж Пастыр нэхъыщхьэр роддомым кIуащ. Щихъангъыр гуапэу анэхэм епсэлъащ икIи сабий коляскэ тыгъэ яхуищIащ. Пастыр нэхъыщхьэм ахэр къигъэгугъащ умэхъын ищIыну, адэ-анэхэр арэзыуэ щытмэ.

          Урысейм и Федеральнэ медико-биологие агентствэм Кавказ Ищхъэрэм щиIэ федеральнэ щIэныгъэ-клиникэ центрым и клиникэ сымаджэщ №101-м хохьэ роддомыр. Центрым и унафэщI Тер-Акопов Гукас архиепископ Феофилакт сымаджэщым зыщригъэплъыхьащ, иджырей Iэмэпсымэхэм иригъэплъащ.

          Щихънагъым фIыщIэ хуищIащ Гукас Пятигорск епархием илъэс зыбжанэ хъуауэ зэрыдэлажьэм папщIэ икIи жриIащ ФМБА-м и унафэщI Скворцовэ Вероникэ фIыщIэр лъигъэIэсыжыну, дяпэкIэ зэдэлэжьэну зэрыщыгугъри къыхигъэщащ.

 

1242
Фотогалерея