УнафэщIыр ЕссэнтIыгу къалэм и сабий сымаджэщым щыIащ

20.12.2023
Просмотры: 1102

   2023 гъэм дыгъэгъазэм и 19-м ЕссэнтIыгу къалэм и Къэзан члисэм и унафэщI щоджэн Шмылик Олег ЕссэнтIыгу къалэ сымаджэщым щыIащ. Администрацэм и гъусэу щоджэныр щихъ Николай и махуэмкIэ сабийхэмрэ я адэ-анэхэмрэ, медицинэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм  ехъуэхъуащ.

          УнафэщIым сабийхэм IэфIыкIэхэр яритащ икIи къару яIэну, я узыншагъэр зэтеувжыну ехъуэхъуащ икIи гъэнэхуа псым щыщ лъигъэIэсащ. Апхуэдэу фIыщIэ хуищIащ дохутыр нэхъыщхьэ Федоровскэ Иринэ, медицинэ лэжьакIуэхэм.

 

1102
Фотогалерея