Архиепископ Феофилакт хоругви тыгъэ хуищIащ Урожайнэ къуажэм и члисэм

17.12.2023
Просмотры: 1560

     2023 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ апостол пэлъытэ Константинрэ Еленэр я цIэр зезыхьэ члисэ Урожайнэ къуажэм дэтым.

          Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Пятигорск епархием ЕссэнтIыгу округым щиIэ благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан, члисэм и унафэщI щоджэн Рубец Алексей, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэр.

          Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи дэтхэнэми тыгъэ яхуищIащ

1560
Фотогалерея