Чристэн волонтёр гупым зэхалъхьэжащ илъэсым кърикIуахэр

29.11.2023
Просмотры: 1295


Кисловодск къалэм и Никольскэ соборым 2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м къалэм и 
волонтёр гупым папщIэ щекIуэкIащ «Метанойя» фIыщIэ тхьэлъэIур. Ар иригъэкIуэкIащ 
щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн щоджэн нэхъыжь Лагутин Андрей и гъусэу. Иоанн 
волонтёрхэм фIыщIэ яхуищIащ гулъытэ хуэныкъуэхэм зэрадэIэпыкъум папщIэ. 
ТхьэлъэIу нэужьым гупым хэтхэр Андрейрэ я унафэщI Колесниченкэ Алексий я 
гъусэу зэпсэлъащ. Илъэсым къриубыдэу къехъулIахэм, дяпэкIэ я мурадхэм тепсэлъыхьащ.
***
«Метанойя» - гуэныхьхэр Iуэтэжын, акъылым зегъэхъуэжын къокI. ИлъэситI и 
пэкIэ къэунэхуа гупым я мурадыр хуэныкъуэхэм ядэIэпыкъунырщ, катехизацэм 
пхыкIахэм. 

 

1295
Фотогалерея