Кисловодск и Никольскэ соборым псапэ Iуэху щрагъэкIуэкIащ

28.11.2023
Просмотры: 1411

ЩэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэм Урысейм щагъэлъапIэ Анэм и махуэр. 2023 
гъэм щэкIуэгъуэм и 26-м Пятигорск епархием и Кисловодск благочинием епархием и 
«Анэхэм папщIэ унэ» кризис центрым и гъусэу псапэ Iуэху щрагъэкIуэкIащ, Анэхэм я 
урысейпсо махуэм и щIыхькIэ. 
Кисловодск къалэм и Никольскэ соборым и «Святыни земли родной» члисэ-тхыдэ 
музейм адэ-анэхэмрэ щоджэн нэхъыжь Чеканов Димитрийрэ я зэIущIэ щекIуэкIащ, зи 
узыншагъэм къимыхь сабиищ е нэхъыбэ зиIэхэм папщIэ. Щоджэныр тепсэлъыхьащ 
сабийхэр чристэн диным щIэпIыкIыным, Тхьэм и унафэхэм, адэ-анэм пщIэ хуэщIыным 
теухуам.
«Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм и унафэщI Рубец Ларисэ жиIащ центрыр 
илъэсипщI зэрырикъур, унагъуэмрэ сабиигъуэмрэ хъумэным триухуа лэжьыгъэхэм. 
Зэхуэсахэм яригъэцIыхуащ сабий психолог Шаповаловэ Надеждэ, унагъуэм къыщыхъу 
Iуэху зэIумыбзхэм уакъызэрыпекIуэкIынум къытеувыIар. Соборым екIуалIэхэм я юрист 
Мануковэ Иринэ упщIэхэм жэуап иритащ. 
ЗэIущIэ нэужьым дэтхэнэ зы унагъуэми ерыскъыпхъэхэр иратащ, соборым 
екIуалIэхэм ягъэхьэзырар. «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм Iэмал яритащ 
фэилъхьэгъуэщIэхэр къыхахыну. 
Псапэ Iуэхум хэтащ Кисловодскэ благочинием екIуэлIапIэхэм щыщ унагъуэ 30. 

 

1411
Фотогалерея