2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 14-м Новоселицкэ къуажэм и Преображенскэ члисэм Тэрч
къэзакъыдзэм и къэзакъ зэгухьэныгъэхэмрэ щоджэнхэмрэ я конференцэ щекIуэкIащ. Ар
къызэрагъэпэщащ Дунейпсо Хъуромэ къеджэныгъэхэм я «Православие и отечественная
культура: потери и приобретения минувшего, образ будущего» щIыналъэ Iыхьэм хыхьэу.
Зэпсэлъэныгъэр тхьэлъэIу литургиекIэ ирагъэжьащ. Ар ирагъэкIуэкIащ къэзакъ
зэгухьэныгъэхэм я щоджэнхэм. Зэхыхьэм хэтхэр тхьэлъэIум хыхьащ икIи дзэ Iуэху хэхам
хэкIуэда зауэлIхэмрэ щоджэнхэмрэ я псэр зэгъэн папщIэ Тхьэ елъэIуащ.
Пленарнэ зэIущIэр къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ. Тэрч къэзакъыдзэм
и щоджэн нэхъыжь Самойленкэ Павел и докладым, нэгъуэщIхэм ейхэм едэIуа нэужь
щоджэнхэм къагъэлъэгъуащ я лэжьыгъэр зыхуэдэнур. Пленарнэ зэIущIэ нэужьым
резолюцэ къащтащ. Абы къыщыхьащ конференцэм и темэ нэхъыщхьэхэр.
Зэхуэсым хэтащ къэзакъ зэгухьэныгъэхэм я щоджэнхэр, Пятигорск епархием
щыIэр. Пятигорск епархием и докладым теухуауэ къэпсэлъащ къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ
къудамэм и щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. Щоджэным конференцэм хэтхэмрэ абы и
хьэщIэхэмрэ Щихънагъым и фIэхъусыр ирахыжащ икIи Новопавловск къалэм
щекIуэкIыну къыкIэлъыкIуэ конференцэм иригъэблэгъащ.