Члисэр зи нэIэ щIэтхэм къуажэдэсхэм саугъэт хуащIащ пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм и щIыхькIэ

07.11.2023
Просмотры: 1758

2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м Пятигорск епархием Налшык щиIэ округым и 
благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр 
щригъэкIуэкIащ Тхьэм и Анэм и Къэзан члисэ Къэбэрдей-Балъкъэр рспубликэм и 
Пролетарскэ къуажэм.
Литургием хыхьэу благочиннэм къулыкъу дащIащ члисэм и унафэщI щоджэн 
Калинин Евгенийрэ къардэн Артунов Георгийрэ. Пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм члисэр 
зи нэIэм щIэтхэм къуажэдэсхэм саугъэт хуащIащ. Члисэм и хъуреягъыр гъущIкIэ 
къахухьащ.
Литургие нэужьым щоджэнхэмрэ къуажэдэсхэмрэ зэгъусэ тхьэлъэIу 
ирагъэкIуэкIащ. Махуэшхуэм хэтахэр шэджэгъуашхэм ирагъэблэгъащ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2022 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м члисэр игъэнэхуащ 
Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. 

 

1758
Фотогалерея