Архиепископ Феофилакт щоджэн хиротониер иригъэкIуэкIащ

30.10.2023
Просмотры: 2493

 2023 гъэм жэпуэгъуэм и 29-м Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ 
Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Пятигорск къалэм и Спасскэ 
кафедральнэ соборым. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ соборым и 
щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэр. 
ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къыщыхьахэм къеджа нэужь, Щихънагъым 
фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ТхьэлъэIум хыхьэу архиепископ 
Феофилакт иригъэкIуэкIащ къардэн Хлынов Кирилл и хиротоние. Литургие нэужьым 
Пастыр нэхъыщхьэр екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъащ. 

 

2493
Фотогалерея