Епархием и сурэт гъэлъэгъуэныгъэм щытекIуахэр ягъэлъапIэ

21.10.2023
Просмотры: 1605

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 15-м Пятигорск епархием и ЩIалэгъуалэ центрым 
къыщызэIуахащ «Фотолетопись Благословенного Кавказа» выставкэр. Пятигорск, 
Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, ар 2014 гъэм 
щыщIэдзауэ узэщIыныгъэ, псапэ къалэнхэм папщIэ къызэрагъэпэщ. 
Мы гъэм зэпеуэм сурэтыщI 20-м я лэжьыгъэхэр хагъэхьащ. Сурэт 90 абы 
ягъэхьащ. Абы щыщу 53-р гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ. 
Зэпеуэм унэтIыныгъищ иIэт. 
I. «Яко крин сельный…» (члисэр зэрагъэдахэ Iэмалхэр, члисэ флористикэр);
2. «Святой образ» (тхьэнапэхэр, тхьэнапэ сурэтхэр, зэгъусэ тхьэлъэIу сурэтхэр, 
нэгъуэщIхэри);
3. «Блаженны милостивые…» (а унэтIыныгъэм щызэхуэхьэсат члисэ 
зэхыхьэхэр, волонтёрхэр, волонтёр къулыкъухэр къызэщIиубыдэу).
Зэпеуэр къызэрыхалъхьэрэ абы и лауреатхэр щIыналъэ лъапIэм 
ягъэкIуащ. Мы зэманым ар яхузэфIэкIынукъым, абы къыхэкIыу Щихънагъым 
Урысейм и щIыналъэм – Санкт-Петербург къалэм ягъэкIуэну къыхилъхьащ.
Выставкэм псори фыдогъэблагъэ. Абы сурэтыщI Iэзэхэм я лэжьыгъэхэр 
къхыщыгъэлъэгъуащ. Зэпеуэм щытекIуахэр жэпуэгъуэм и 22-м ягъэлъэпIащ. 

 

1605
Фотогалерея