Черкесск щагъэлъэгъуащ Покров члисэм и тхыдэм теухуа тхылъыр

04.10.2023
Просмотры: 2884

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м Черкесск къалэм и Покров члисэм щекIуэкIащ «История Покровской церкви города Черкесска и ее священнослужителей» тхылъым и гъэлъэгъуэныгъэ. Ар утыку кърихьащ тхылъыр зытха члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Нартов Александр. 

Черкесск и Покров члисэм тхыдэ гъэщIэгъуэн иIэщ. Ар къыщожьэ къэзакъхэр Баталпашинскэ станицэм щыIэпхъуа 1825 гъэм. Абыхэм я фIыгъэкIэ 1843 гъэм станицэм Никольскэ члисэр щаухуащ, 1902 гъэм Покров хъуар. Члисэм къулыкъу щызыщIа щоджэнхэм я гъащIэмрэ гуащIэмрэ тхылъым къыщыхьащ, станицэр къыщызэIуахам щыщIэдзауэ нобэм къэсыху. Тхылъым ихуащ станицэм япэу щыпсэуа унэцIэхэр, члисэм екIуалIэу щытахэм ятеухуахэр. 

Гъэлъэгъуэныгъэм щызэхуэсащ Никольскэ соборым и щоджэнхэр, Черкесск къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ. Соборым и ключарь щоджэн нэхъыжь Кузнецоов Сергий къыхигъэщащ Покров члисэм и тхыдэм соборым и тхыдэм пыщIэныгъэ ин зэрыхуиIэр. Соборым и щоджэн Гурин Александр гъэлъэгъуэныгъэм хэтхэм ягу къигъэкIыжащ Покров члисэм и япэ унафэщI щоджэн Тернов Лев 1938 гъэм и фIэщхъуныгъэм папщIэ зэраукIар.

2884
Фотогалерея