Щоджэныр еджакIуэхэм епсэлъащ унагъуэм и лъапIэныгъэхэм теухуауэ

20.09.2023
Просмотры: 1192

«Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм и бжьыхьэ махуэ» - арат зэреджэр 
КъБР-м и Прохладнэ  къалэм и Никольскэ члисэм и щоджэн Еремеев  Андрей 
ГъуазджэхэмкIэ Сабий школым и гъэсэнхэм щыIущIа зэхыхьэм.
Щоджэныр сабийхэм яхутепсэлъыхьащ махуэшхуэм и тхыдэм, унагъуэ 
насыпыфIэм жылагъуэр зэрыригъэфIакIуэр, унагъуэм и лъапIэныгъэхэр хъумэн 
зэрыхуейм. 
***
1992 гъэм фокIадэм и зэгъусэ тхьэлъэIукIэ щихъ Петррэ Февронийрэ я къарум 
щыщ Iыхьэхэр Свято-Троицкэ къулъшырыф къагъэщIэрэщIэжам ягъэIэпхъуащ. А махуэр 
Члисэм егъэлъапIэ унагъуэм и хъумакIуэхэм я етIуанэ махуэу. 

 

1192
Фотогалерея