Кисловодск и къегъэлакIуэхэр Тхьэ елъэIуащ Тхьэм и Анэм

19.09.2023
Просмотры: 1060

2023 гъэм фокIадэм и 17-м Кисловодск къалэм и Никольскэ соборым махуэшхуэ 
щекIуэкIащ Тхьэм и Анэм и «Неопалимая Купина» тхьэнапэм и цIэкIэ. Абы Урысейм и 
псэупIэхэр мафIэсым щихъумэу къекIуэкIащ. МафIэсгъэункIыфIхэмрэ къегъэлакIуэхэмрэ 
ар къалъытэр я хъумакIуэу. ЛъапIэныгъэм ехъумэ цIыхухэмрэ абыхэм я мылъкумрэ 
мафIэсым щызыхъумахэр. 
ТхьэлъэIум хэтащ Кисловодск къалэм и МЧС-м и къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ 
къудамэм и лэжьакIуэхэр. ТхьэлъэIу нэужьым щоджэн нэхъыжь Чеканов Димирий фIыщIэ 
яхуищIащ мафIэсгъэункIыфIхэм, я къалэным зэрыхуэпэжыр къыхигъэщащ икIи Тхьэм и 
Анэм и тхьэнапэр тыгъэ яхуищIащ.

 

1060
Фотогалерея