Пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэ зэгухьэныгъэ цIыкIум щызэхэтащ

14.09.2023
Просмотры: 1726

Тхьэм и Анэм и Владимирскэ тхьэнапэм Пятигорск епархием и Ипщэ Къэрэшей-
Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений члисэм и унафэщI 
щоджэн нэхъыжь Соколов Геннадий и гъусэу тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Лесо-
Кяфарь къуажэм щаухуэ члисэм. Ар члисэм и гъэмахуэ Iыхьэм и етIуанэ тхьэлъэIут. 
Зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьым щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений фIэщхъуныгъэ 
зиIэхэм тхьэлъэIукIэ захуигъэзащ Пятигорск, Черкесск епархием и архиепископ 
Феофилакт къыбгъэдэкIыу. 

***
Члисэм и ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр и кIэм нэблэгъащ. Тыхь щIапIэм престолымрэ 
жертвенникымрэ щагъэуващ. Iэгъуэблагъэр зыхуей хуэгъэзэным теухуа 
лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэсащ, члисэ блынхэр роспис ящI, иконостасыр 
ягъэхьэзыр. 

1726
Фотогалерея