Черкесск къыщызэIуахащ ВРНС-м и 73 къудамэ

13.09.2023
Просмотры: 1460

 Къэрэшей-Шэрджэсым къыщызэIуахащ «Всемирный русский народный собор» 
международнэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэ. ВРНС-м и щIыналъэ 
къудамэм и зэхуэс Черкесск фокIадэм и 12-м щригъэкIуэкIащ Пятигорск, Черкесск 
щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт. Зэхыхьэм хэтащ КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым 
(Парламентым) и УнафэщI Иванов Александр, урысейпсо урыс цIыхубэ зэхуэсым и 
Iэтащхьэ Малофеев Константин, КъШР-м и муслъымэнхэм я Духовнэ управленэм и кадий 
Лайпанов Муратбий-хьэжы, нэгъуэщIхэри.
КъШР-м и Парламентым и УнафэщIым фIэхъус ярихащ КъШР-м и Iэтащхьэ 
Темрезов Рашид къыбгъэдэкIыу. Урыс Чристэн Члисэм ВРНС-м хуищIа хэлъхьэныгъэр 
къыхигъэщащ, политикхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ Соборым Iуэху зэIумыбзхэм я 
хэкIыпIэхэм теухуа я Iуэху еплъыкIэхэм зэрыщытепсэлъыхьыр, къэралым и 
зыужьыныгъэм и стратегиер зэраубзыхур жиIэри. 
Зэхуэсым щыхахащ къудамэм и правленэр, абы и унафэщIым и къуэдзэхэр. 
Апхуэдэщ архиепископ Феофилакт, Парламентым и спикер Иванов Александр, 
щIыналъэм и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Ляшовэ Еленэ. 
***
Урысейпсо цIыхубэ соборыр – урысейпсо жылагъуэ зэхуэсщ, 1993 гъэм 
къэунэхуауэ. Соборым и Iэтащхьэр Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кириллщ. 
Соборым и зэхуэсхэм хэтщ властым и лIыкIуэ псори, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я 
унафэщIхэр, Урысейм и щоджэнхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, еджапIэ 
нэхъыщхьэхэм я егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ, щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я 
лэжьакIуэхэр, урыс зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.

 

1460
Фотогалерея