Щоджэныр пэкIум къыщыпсэлъащ

05.09.2023
Просмотры: 1118

Терроризмым пэщIэтыным и махуэм, 2023 гъэм фокIадэм и 3-м, Кисловодск 
къалэм и Крестовоздвиженскэ члисэм и щоджэн Лиманов Гермоген къыщыпсэлъащ 
терракт къыщыхъуа Подкумок-Белый уголь гъущI гъуэгу станцым деж щекIуэкIа 
«Русский мир против террора» пэкIум.
Илъэс 20-кIэ узэIэбэкIыжмэ абдеж шынагъуэ къыщыхъуащ икIи лажьэншэ цIыху 
пщIы бжыгъэхэм я гъащIэр къызэпиудащ. Кисловодск къикI мафIэгур къыщытехьэм 
террористхэм фугасыр къагъэуащ. Зэмани дэкIыжащ, ауэ абы хэкIуэда цIыхухэр 
ящыгъупщэркъым.
ПэкIум хэтащ: Кисловодск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и администрацэм и Iэтащхьэ 
Грачев Сергей, къалэ Думэм и унафэщIым и къуэдзэ Гордеев Иван, Кисловодск 
мэжджытым и имамыр, къалэ-зыгъэпсэхупIэм щыпсэухэр. 
Георгий пэкIум хэтахэм Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ 
Феофилакт къыбгъэдэкI фIыщIэ псалъэхэр ялъигъэIэсащ икIи лъагъуныгъэ, мамырыгъэ, 
зэгурыIуэ яку дэлъу псэуну къыхуриджащ псори.
ПэкIум хэтахэм ягу къагъэкIыжащ терроризмым хэкIуэдахэм я фэеплъыр икIи удз 
гъэгъахэр тралъхьащ фэеплъым. 
АдэкIэ къызэрагъэпэщащ «Мы помним» щIалэгъуалэ Iуэхур. Ар теухуауэ щытащ 
1941-1945 гъэхэм Хэку зауэшхуэм хэкIуэда дохутыр-лIыхъужьхэм. Абы хыхьэу шэху 
уэздыгъэхэр пагъанэри ягу къагъэкIыжащ террористхэм я зэранкIэ хэкIуэдахэр. Iуэхум 
хэтащ щоджэн Лиманов Георгий, Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием и 
еджакIуэхэр. 
ПэкIу нэужьым гимназием и гъэсэнхэм хэлъхьэныгъэ хуащIащ дзэм къулыкъу 
щызыщIэхэм хуащI дэIэпыкъуныгъэм. 

1118
Фотогалерея