Архиепископ Феофилакт яухуэ члисэхэм щыIащ

07.08.2023
Просмотры: 3520

2023 гъэм шыщхьэуIум и 7-м Пятигорскэ, Черкесскэ епархиехэм я члисэ 
ухуэныгъэхэм щыIащ. 
ЕссэнтIыгу къалэм и Троицкэ члисэм щоджэн нэхъыщхьэр щепсэлъащ унафэщI 
щоджэн Галайчук Сергий. УнафэщIыр тепсэлъыхьащ члисэ блыныр роспись зэращIым. 
Куполыр роспис ящIащ. 
Щоджэн нэхъыщхьэр еплъащ щихъхэу Иоакимрэ Аннэрэ я цIэр зэрахьэу Санамер 
къуажэм дэт члисэр зэрызэрагъэпэщыжым. Ухуэныгъэм и блынхэр ягъэбыдащ, купол 
нэхъыщхьэм и ужь ихьащ.
ЕссэнтIыгу къалэм и Петропавловскэ члисэ ухуэныгъэм зыхуагъэхьэзыр 
шыщхьэуIум и 30-м члисэ-кувуклие Тхьэм и Анэм и Успения цIэр зезыхьэр зыхуей 
зэрыхуагъэзэжынум. Члисэ цIыкIур византий щIыкIэм тету ирагъэжьащ икIи Тхьэм и 
Анэр щыщIалъхьэжа щIыпIэм ещхьщ. 
Щихънагъыр епсэлъащ члисэм и ктитор Алексов Павел. ИужькIэ апостолхэу 
Петррэ Павелрэ я цIэр зезыхьэ члисэ ухуэныгъэр зэрызэрагъэпэщыжым еплъащ. Члисэр 
иджыпсту роспис ящI. Абы Пастыр нэхъыщхьэм хутепсэлъыхьащ тхьэнапэхэр 
зыгъэхьэзыр къардэн Симаков Вячеслав. Апхуэдэу комплексым члисэм и IуплъапIэхэр 
щызэрагъэпэщыж. Зэгъэпэщыжыныгъэхэм къытеувыIащ унафэщI щоджэн Гриценкэ 
Виталий. Щоджэн нэхъыщхьэр тепсэлъыхьащ щоджэнхэмрэ ктиторхэмрэ я гъусэу 
IуэхущIапIэр адэкIэ зэрызэрагъэпэщыжынум. 
Георгиевскэ цIыхубз къулъшырыфым архиепископ Феофиакт игумение Варварэ 
(Шурыгинэ) и гъусэу къулъшырыфым и Вознесенскэ соборым и ухуэныгъэм еплъащ, 2018 
гъэм щэкIуэгъуэм и 16-м ирагъэжьар. Щоджэн нэхъыщхьэр еплъащ члисэ ухуэныгъэм, 
Александро-Невскэ собор Болгарием – Софие щыIэм. Апхуэдэу щихънагъыр еплъащ 
шхапIэм къулъшырыфым и хьэщIэщым, ар зэрырагъэпэщыжынум и гугъу ящIащ. 
Ухуэныгъэ ут псоми архиепископ Феофилакт члисэ ухуакIуэхэм щехъуэхъуащ Тхьэр 
къадэIэпыкъуну. 

 

3520
Фотогалерея