Налшык щекIуэкIащ соборым и пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр

05.08.2023
Просмотры: 1958

 2023 гъэм шыщхьэуIум и 4-м, щихъ апостол пэлъытэ Магдалинэ Марие и цIэр 
зезыхьэу Налшык къалэм щыIэ соборым шыщхьэуIум и 4-м щагъэлъэпIащ члисэм и 
пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр. 
ШыщхьэуIум и 3-м, пщыхьэщхьэм къалэм и клирикхэм махуэшхуэ тхьэлъэIу 
ирагъэкIуэкIащ. Махуэшхуэм щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну куэд кIуащ. ТхьэлъэIу 
литургием Псыхуабэ епархием Налшык щиIэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь 
Бобылев Валентин тхьэлъэIу литургием къулыкъу щыдищIащ благочинием и щоджэнхэм. 
Литургие нэужьым зэгъусэ тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ. Абы къыкIэлъыкIуащ 
соборым и тхьэмахуэ школым и махуэшхуэ концерт. Махуэшхуэр псапэ шэджэгъуашхэкIэ 
зэхуащIыжащ. 

 

1958
Фотогалерея