Донбасс щыхэкIуэдахэм папщIэ унафэщIым къулыкъу иригъэкIуэкIащ

28.07.2023
Просмотры: 1477

2023 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м Прохладнэ къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм Iуэху 
щекIуэкIащ, Донбасс щыхэкIуэда сабийхэм я фэеплъу. Къалэм щыпсэухэмрэ абы и 
хьэщIэхэмрэ махуэ псом шэху уэздыгъэхэр пагъэнащ, удз гъэгъахэр, зэрыджэгу 
хьэпшыпхэр тралъхьащ фэеплъым. Пщыхьэщхьэм сыхьэтитхум Прохладнэ къалэм зы 
дакъикъэкIэ щыхуэщыгъуащ хэкIуэдахэм, шар хужьхэр уафэгум ираутIыпщхьащ абы 
хыхьэу, хэкIуэдахэм я фэеплъу. Къалэм и Никольскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь 
Маршалкин Андрей хэкIуэда сабийхэм папщIэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ. 

 

1477
Фотогалерея