«Маруха» зэхуэсым хэтхэр Тхьэ елъэIуащ

25.07.2023
Просмотры: 1577

Бадзэуэгъуэм икухэм и бжэхэр зэIуахащ «Маруха-2023» щIалэгъуалэ зэхуэсым. Мы 
гъэм абы цIыху 70-м щIигъу хэтщ. Илъэс 13-м щыщIэдзауэ илъэс 18 хъууэ. Абы щыщ 
цIыху 32-р Луганскэ цIыхубэ республикэм щыщщ. 
ТхьэлъэIу литургие абыхэм папщIэ иригъэкIуэкIащ Пятигорск епархием и Ипщэ 
Къэрэшей-Шэрджэс округым и щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений, Маруха къуажэм и 
Казанскэ члисэм и иеромонах Александр (Емельянов) и гъусэу. 
Зэхуэсым и программэм хэтщ Пасэрей Аланием и экскурсиехэр, Архыз Ищхъэрэм 
и Ильинскэ члисэм и пащтыхь шэнтиуэ махуэм и зэхыхьэхэр, зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр, 
Маруха аузым зыщагъэпсэхуныр. 
ЩIалэгъуалэ зэхуэсым и нэIэ тетщ, гъэ къэси хуэдэу, Пятигорск и архиепископ 
Феофилакт.

 

1577
Фотогалерея