Кисловодск къалэм и Крестовоздвиженскэ члисэм Тхьэм и Анэм и
«Скоропослушница» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ и Чриcтэн сабий гъэсапIэм Унагъуэм,
лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыныгъэм и махуэр щагъэлъэпIэм къызэрагъэпэщащ «Мама, папа,
я - православная спортивная семья» зэпеуэр.
Чристэн сабий гъэсапIэм зи сабийхэр щыIэ унагъуэ зыбжанэм зэпеуэм
зыкъыщагъэлъэгъуащ. Сабийхэм я ныбжьым елъытауэ къыхахащ я лэжьыгъэхэр.
Сабийхэм - нэхъ тыншу, балигъхэм - нэхъ гугъуу. Зэпеуэхэр траухуат унагъуэр нэхъри
зэкъуэгъэувэным. Зэхьэзэхуэ нэужьым къэпщытакIуэ гупым хэтхэм зэхалъхьэжащ абы
кърикIуахэр икIи абы хэтахэм щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ.
ЕгъэджакIуэхэр ехъуэхъуащ фIэщхъуныгъэ зиIэ Муромскхэ Петррэ Февронийрэ я
фэепъ махуэмкIэ. «Пётр и Феврония» уэрэдымкIэ зэхуащIыжащ зэхыхьэр.