«Целебный Ессентуки» центрым и манежыр процент 80-кIэ хьэзырщ

11.07.2023
Просмотры: 1347

Пятигорск епархием и «Целебный Ессентуки» центрым иппотерапие комплекс 
къыщызэIуахын папщIэ проект ягъэхьэзыращ, гъэм и зэман псоми я манеж, шыгъажэм 
еплъхэм я трибунэ, шхапIэ, пэшхэр, шэщ къызэщIиубыдэу. Ухуэныгъэм мелуани 130-рэ 
текIуэдэну къабжащ. 
Ухуэныгъэр зэрырагъэжьэну япэ мелуан 60-р спонсорхэм – Сбербанк ПАО-м 
къыбгъэдэкIащ. АбыкIэ фундаментыр ящIащ, блынхэр дращIеящ, унащхьэр тралъхьащ, 
щхьэгъубжэхэр халъхьащ, унэ кIуэцIхэр къращIыкI. ИппотерапиемкIэ центрым  и 
проектыр гъэзэщIэным и IуэхукIэ абы уэздыгъхэр щIашащ, псыр ирашэлIащ, канализацэр 
къатIащ. Манеж ухуэныгъэр процент 80-кIэ и кIэм нагъэсащ. 

 

1347
Фотогалерея