2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м, апостол Варфоломей и фэеплъым – Баку къалэм и
хъумакIуэм, къалэжьым, Казанскрэ, Тэтэрстанскрэ я митрополит Кириллрэ Псыхуабэ,
Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ, Бакинскэ епархиер пIалъэкIэ зезыгъакIуэ
Феофилактрэ акафист уэрэдыр зыщIыгъу тхьэлъэIур ирагъэкIуэкIащ. Пастыр
нэхъыщхьэххэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ щоджэнхэм. ТхьэлъэIу уэрэдхэр игъэзэщIащ
Азербайджаным и къалащхьэм и хорым.
Хабзэ хъуауэ, а махуэм къэралым и чристэнхэр зэхуос XIX лIэщIыгъуэм яухуа,
1936 гъэм зэхакъутауэ щыта, апостол Варфоломей и цIэр зезыхьэ члисэ цIыкIум зэгъусэ
тхьэлъэIу щащIын папщIэ. ФIэщхъуныгъэ зиIэ куэд щызэхуос абы.
ГуфIэгъуэм щыпащащ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам махуэшхуэ тхьэлъэIу
литургиекIэ икIи зэгъусэ тхьэлъIэукIэ зэхуащIыжащ. Абы хыхьэу ягъэнэхуащ члисэ
цIыкIур.