Нэфхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэр щIыналъэ лъапIэм Тхьэ щелъэIуащ

21.06.2023
Просмотры: 2833

Черкесск къалэм Нэфхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и къудамэм хэтхэр щыIащ 
Къэрэшей-Шэрджэсым и чристэн члисэхэм. Япэу кIуащ Маруха къуажэм Тхьэм и Анэм и 
Къэзан тхьэнапэм. Члисэм и унафэщI иеромонах Александр (Емельянов) хьэщIэхэм 
заригъэплъыхьащ. ИужькIэ щоджэн Гурин Александр и гъусэу фIэщхъуныгъэ зиIэхэм 
тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ схимонах Павлин (Боханковэ) и кхъащхьэм деж. Абдеж ягу 
къыщагъэкIыжащ члисэм и унафэщIу щыта, зи фIэщхъуныгъэм и зэран зэкIа щоджэн 
Русаков Никандр, щоджэн Овсянников Иаков, щоджэн Щербаков Лукэ сымэ, 1929-1937 
гъэхэм абы къулыкъу щызыщIахэр. Члисэм и лэжьакIуэхэм хьэщIэхэм шэджэгъуашхэ 
ирагъэщIащ. ИужькIэ Романовхэ я псынэпсым щыIащ. 
КъыкIэлъыкIуэу ахэр кIуащ Кардоникскэ станицэм Тхьэм и Анэм и Покров члисэм. 
Члисэм и унафэщI щоджэн Саенкэ Иоанн хьэщIэхэм заригъэплъыхьащ икIи екIуэлIапIэм 
и хабзэхэм къытеувыIащ. Тхьэ елъэIуа нэужь, гупыр кIуащ Тхьэм и Анэм и Уэхьий 
Михаил и цIэр зезыхьэ Усть-Джегуты къалэм дэтым. Щоджэн Гурин Александр абы 
защригъэплъыхьащ.

2833
Фотогалерея