Кисловодск Островский Павел щыIущIащ

20.06.2023
Просмотры: 2206

 гъэм мэкъуауэгъуэм и 19-м «Благословенный Кавказ», «Радость слова» 
чристэн бэзэрхэм хыхьэу, Кисловодск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам щыIущIащ 
псапащIэ, блогер цIэрыIуэ щоджэн Островский Павел. ХьэщIэм щIыгъуащ Урыс Чристэн 
Члисэм и Тхылъ тедзапIэм и Советым и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ, «Радость слова» 
узэщIыныгъэ проектым и унафэщI щоджэн Степанов Андрей. Зэхыхьэм цIыху 300-м 
нэблагъэ щызэхуэсащ: члисэхэм екIуалIэхэр, къалэ-зыгъэпсэхупIэм и щIалэгъуалэр, 
«Метанойя» псапащIэ гупым хэтхэр, щоджэным и напэкIуэцIым Iэ щIэзыдзахэр. 
Зэпсэлъэныгъэр зэгъусэ тхьэлъэIукIэ ирагъэжьащ. 
Псыхуабэ епархием и Кисловодскэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь 
Знаменский Иоанн хьэщIэр щаригъэцIыхум, и ехъулIэныгъэхэр къыхигъэщащ, «Спас» 
телеканалым и «Ответ священника. Прямая линия» нэтыным, дин проектхэм я спикеру 
щыткIэрэ.
Павел чристэн гъащIэм къытеувыIащ, гъэгъуныгъэм, пастыр зэфIэкIым, унагъуэм 
яку дэлъ зэхущытыкIэхэм, нэгъуэщIхэми. Щоджэным жиIащ укъэзыгъэпцIа цIыхум 
Христос папщIэ хуэбгъэгъу зэрыхъунур.
ИужькIэ Павел зэхуэсахэм я упщIэхэм жэуап яритащ. Павел къыхигъэщащ 
унагъуэмрэ цIыхухэмрэ зэпэIэщIэ зэращIыр, социальнэ сайхэм. КърихьэлIахэм 
яфIэгъэщIэгъуэн хъуащ щихъхэм, фIэщхъуныгъэм, сабийхэм я зэхущытыкIэхэм, 
гъэсэныгъэм, нэгъуэщIхэми ятеухуахэм.
Зэхыхьэр щиухым щоджэным псори къыхуриджащ Тхьэм фIыщIэ хуащIыну. 

 

 

2206
Фотогалерея