Къудамэм и унафэщIыр ехъуэхъуащ дзэм ираджэхэм

16.06.2023
Просмотры: 2088

2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 15-м Псыхуабэ къалэм и «Огонь вечной славы» фэеплъ 
Пост №1-м деж щыIэм дзэм ираджэхэм я махуэр щагъэлъэпIащ. Махуэшхуэм хэтащ 
хьэщIэхэр, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр, дзэм къулыкъу щызыщIэхэр, ветеранхэм я 
советхэм я лIыкIуэхэр, сэлэтхэм я анэхэм я комитетым щыщхэр, администрацэр, 
жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэр, дзэм ираджэхэр, къалэм и курыт еджапIэхэм я 
еджакIуэхэр, студентхэр. 
Къызэхуэсахэм фIэхъускIэ захуигъэзащ Псыхуабэ, Лермонтов, Кисловодск 
къалэхэм я дзэ комиссариатым, УФ-м и Лъэпкъ гвардием, Псыхуабэ къалэм и Iэтащхьэм и 
къуэдзэм я лэжьакIуэхэм, хьэщIэхэм. Псыхуабэ епархием къыбгъэдэкIыу  дзэм ираджахэм 
ехъуэхъуащ IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ 
къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин.

2088
Фотогалерея