СКФУ-м и студентхэр IущIащ щIыналъэм и дин лэжьакIуэ пашэхэм

15.06.2023
Просмотры: 2639

Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и сайтым хъыбар 
къызэрыщыхьамкIэ, 2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 14-м Псыхуабэ и СКФУ 
институтым щекIуэкIащ студентхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм и дин лэжьакIуэ 
пашэхэмрэ я зэIущIэ – Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ 
Феофилакт, Ставрополь крайм ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм ии муфтий 
Рахимов Мухьэммэд. Ар траухуащ Урысейм и махуэм.
Зэхыхьэм и пэм ягъэзэщIащ «Россия – это мы» уэрэдыр еджапIэм и 
уэрэджыIакIуэхэм. ЗэIущIэр къызэIуихащ Псыхуабэ и СКФУ институтым и 
унафэщI профессор Шыбзыхъуэ Татьянэ.
- ЗэIущIэм «Россия – это мы» цIэр ауэ сытми фIэтщакъым. Урысейм 
тхыдэ гъэщIэгъуэн иIэщ, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэмрэ щIыуэпс къулейрэкIэ 
къызэгъэпэщащ, щIэныгъэ-техникэ, егъэджэныгъэ Iуэхухэми щохъулIэ. Ауэ 
псом нэхъ къулеигъэ нэхъыщхьэр и цIыхухэрщ, лэжьыгъэм пыIумыкIуэтыу, 
Iущу, зэфIэкI яIэу. Хэкум и ефIэкIуэныгъэм дэтхэнэри псэемыблэжу хуолажьэ, я 
мурадхэр зрагъэхъулIэу, къэралым и къарум нэхъри хагъахъуэу, - къыхигъэщащ 
Татьянэ и псалъэм. 
Дин лэжьакIуэхэм студентхэм фIэхъускIэ зыхуагъэзащ. 
- Нобэ нэхъыщхьэрщ дызытепсэлъыхьыр, Хэкурщ. «Россия была, Россия 
есть, Россия будет!» уэрэдымкIэ зэIущIэр зэрырагъэжьар фIыщI! Унэр 
иджыпсту къыщыпхуэныкъуэ щIыпIэрщ. НасыпыфIэу ди унэм 
дызэрыщыпсэуным дыхущIэкъун хуейщ, - жиIащ Щихънагъ Феофилакт. 
- Дэ, щоджэнхэм ди дежкIэ студентхэм депсэлъэным мыхьэнэшхуэ иIэщ, 
сыту жыпIэмэ щIэблэм я Iуэху зэIумыбзхэм зыщыдогъэгъуазэри. 
ЩIалэгъуалэми диным теухуа куэд къащIэ, - жиIащ Хьэжы Мухьэмэд.
Зэхыхьэм къыщаIэтащ Хэку лъагъуныгъэм теухуа Iуэхугъуэхэр, 
нэгъуэщIхэри. Студентхэм яфIэгъэщIэгъуэнт дин лэжьакIуэхэм тхыдэ цIыхухэм 
хуаIэ еплъыкIэхэр. Апхуэдэ упщIэхэм жэуап щратым, щапхъэу къахьащ 
щIэныгъэлIхэр, Урысейм и цIыху щэджащэхэр, Хэкум и зыужьыныгъэм 
хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэр. Студентхэр къыхураджащ я щIэныгъэм 
хагъэхъуэным гулъытэ нэхъыбэ хуащIыну, сыту жыпIэмэ Урысейм и пщэдейр 
зэлъытауэ щытыныр ахэращ. 
Зэхыхьэм Хэку лъагъуныгъэм теухуа уэрэдхэр щыжаIащ, усэхэм 
къыщеджащ. ЩIалэгъуалэм хьэщIэхэм фIыщIэ хуащIащ икIи щоджэнхэр 
иджыри къахуеблэгъэну зыхуагъэзащ. ЗэIущIэр щиухым архиеписклоп 
Феофилакт Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Киррилл и арэзыныгъэкIэ 
Шыбзыхъуэ Татьянэ тыгъэ хуищIащ Урыс Чристэн Члисэм и щихъ пэлъытэ 
Ольгэ и орденым и III нагъыщэр. 

 

2639
Фотогалерея