Бакинскэ епархием и сайтым хъыбар къызэрыдигъащIэмкIэ, хьэщIэхэм
зыхагъэгъуэзащ Азербайджаным и чристэн зэгухьэныгъэм, къалащхьэм и чристэн
члисэхэм зыщаплъыхьащ, Баку дэт Хъыджэбз чэщанэми еплъащ, хъыбарыжьым
къызэрыхэщыжымкIэ апостол Варфоломей щаукIа щIыпIэм.
ЗекIуэм къриубыдэу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэм къэралым и чристэн
хабзэхэм зыхагъэгъэузащ, Киш къуажэ щихъ Елисей, апостол Фаддей и гъэсэным члисэ
щиухуа щIыпIэм. Албан пасэрей члисэ Нидж къуажэм щыIэмрэ куржы члисэ Гахэ
къуажэм дэтымрэ Азербайджаным и тхыдэмрэ иджырей чристэн динымрэ
зыщыхагъэгъуэзащ.
Апхуэдэу щIыналъэ лъапIэм щыIэхэр щыIащ Гобустан тхыдэ-археологие
заповедникым, Шекинскэ хъанхэм я уардэунэм, алэрыбгъухэм я Лъэпкъ музейм
зыщаплъыхьащ, Баку и уэрамхэм щыдэтым, Нагорнэ паркымкIэ къыщыдэплъащ къалэм.
Азербайджан лъэпкъ шхыныгъуэхэри ягу дыхьащ хьэщIэхэм.
ЗекIуэр къызэригъэпэщащ Бакинскэ епархием и къудамэм Псыхуабэ епархием и
«Кавказский паломник» IуэхущIапIэм и гъусэу.