Богословскэ-катехизатор курсым щIэсхэм ехъулIэныгъэкIэ катехизисыр ятащ

13.06.2023
Просмотры: 1965

2023 гъэм мэкъуауэгуъэм и 10-м Псыхуабэ епархием Къэрэшей-Шэрджэсым и 
къудамэ щиIэм и богословскэ-катехизатор курс Черкесск къалэм и Покров члисэм щыIэм 
экзаменхэр щатащ. «Катехизис» дерсым и етIуанэ курсыр къаухащ. 
Экзамен къыIахащ катехизатор курсхэмкIэ унафэщI щоджэн нэхъыжь Симанович 
Олег, егъэджакIуэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр. Мы гъэм экзаменыр ехъулIэныгъэ 
иIэу ятащ цIыху 14-м. 
Экзамен нэужьым курсхэм я унафэщIыр ехъуэхъуащ еджакIуэхэм етIуанэ гъэ 
еджэгъуэр ехъулIэныгъэ яIэу къызэраухамкIэ

1965
Фотогалерея