Архиепископ Феофилакт литургие щригъэкIуэкIащ Зеленогорскэ къуажэ члисэм

11.06.2023
Просмотры: 2695

2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Кисловодск къалэм и Зеленогорскэ къуажэм и Покров члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Кисловодск округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Степанов Вадим, къардэн Копач Иоанн.

Литургие нэужьым махуэшхуэр ягъэлъэпIащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ зыхуагъэзащ.

ИужькIэ пастыр нэхъыщхьэм члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Степанов Вадим Патриаршэ дамыгъэр иритащ – щихъ Московский Даниил и орденым и III нагъыщэр, Члисэ ЛъапIэм и лэжьыгъэхэм гулъытэ зэрыхуищIымрэ ар къызэралъхурэ илъэс 50 зэрырикъумрэ папщIэ.

ИужькIэ архиепископ Феофилакт благочиннэ, члисэм и унафэщI, ухуэныгъэмкIэ и дэIэпыкъуэгъу Музенитов Павел къуажэм щаухуэ Покров члисэм еплъащ.

 

2695
Фотогалерея