«Надежда» центрым и гъэсэнхэр Маруха щыIащ

01.06.2023
Просмотры: 1312

2023 гъэм накъыгъэм и 31-м, Сабийхэр хъумэным я дунейпсо махуэм, Черкесск къалэм и «Надежда» центрым и гъэсэнхэр Къэрэшей-Шэрджэсым и Зеленчукскэ районым и Маруха къуажэм щыIащ зыплъыхьакIуэ. Маруха и чристэн тхыдэм яхутепсэлыъхьащ абыхэм. Схииеромонах Павлин (Боханков) щыщIалъхьэжа щIыпIэм деж къыщащIащ XX лIэщIыгъуэм фIэщхъуныгъэ зиIам и гъащIэм теухуахэр. 

ХьэщIэхэм иужькIэ спорт джэгухэр, шэджэгъуашхэ къызэрагъэпэщащ. Сабийхэр Романовхэ я хэщIапIэ къуажэм пэмыжыжьэу щыIэм кIуащ икIи Тхьэм и Анэм и «Живоносный источник» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэм и деж щыIэ псынэпсым зыщагъэпскIащ. 

ЗекIуэр къызэрагъэпэщащ чристэн фIэщхъуныгъэ зиIэхэмрэ Черкесск къалэм и Никольскэ члисэм и щоджэнхэмрэ, Маруха къуажэм и Къэзан члисэм и унафэщI иеромонах Александр (Емельянов) хэту. «Надежда» центрым и гъэсэнхэм джэгукIэхэр, топхэр, ракетэхэр, нэгъуэщIхэр тыгъэ хуащIащ. 

 

 

1312
Фотогалерея