«Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм щызэхалъхьэжащ IутIыж псапащIэ Iуэхум кърикIуахэр

31.05.2023
Просмотры: 1381

Псыхуабэ епархием и «Анэхэм папщIэ унэ» кризис IуэхущIапIэм IутIыжым ирихьэлIэу ерыскъыпхъэхэмрэ къабзагъэ хьэпшыпхэмрэ ягуэшащ, Москва Патриархием члисэ псапэ щIэнымрэ социальнэ къулыкъухэмкIэ и Синод къудамэр и дэIэпыкъуэгъуу. Псом япэу дэIэпыкъуныгъэ хуащIащ унагъуэ 75-м: зауэм зи щхьэ къыхэзыха, сабий зыщIыгъу анэхэм, бынунагъуэшхуэхэм, иджыблагъэ бын зыгъуэта анэхэм.  Сабийхэм папщIэ набор щхьэхуэ иратащ кризис IуэхущIапIэм щыIэхэм. 

Псыхуабэ, Черкесск епархием и «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэр къызэзыгъэпэща Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и нэIэм щIэту, унагъуэ 60-м тыгъэ хуащIащ нащэ килограмм 300. 

Кашэ 120-рэ пхъэщхьэмыщхьэхэр хэлъу «Золушка» тыкуэным и унафэщIым къыбгъэдэкIыу унагъуэ 80-м иратащ. Хуэныкъуэхэм зэрадэIэпыкъум папщIэ центрым фIыщIэ хуещI унафэщI Колчанов Михаил.

«Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм къыбгъэдэкIыу Псыхуабэ епархbем и Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и станицэхэм фэилъхьэгъуэхэр иратащ. Щыгъынхэр, вакъэхэр, зэрыджэгу хьэпшыпхэр иратащ хуэмыщIа, сабийхэр зиIэ унагъуэ 70-м. 

ЕссэнтIыгу благочинием и Успенскэ, Троицкэ члисэм и екIуэлIапIэхэм, Кавминводы и хьэрычэтыщIэхэмрэ псапащIэхэмрэ къабгъэдэкIыу унагъуэхэм тыгъэ хуащIащ IутIыж куличхэмрэ шхыныгъуэхэмрэ. 

Кризис центрым и лэжьыгъэм иджыри пащэ.

1381
Фотогалерея