2023 гъэм накъыгъэм и 19-м Псыхуабэ щекIуэкIащ Епархием и «Отчизны верный
сын» X щIэныгъэ-практикэ конференцэр, урыс генерал Евдокимов Николай и фэеплъым
теухуар. Юбилей Евдокимовскэ къеджэныгъэхэр техуащ Кавказ зауэм и лIыхъужьыр
дунейм зэрехыжрэ илъэси 150-рэ зэрырикъум.
Конференцэр ирагъэжьащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам деж
тхьэлъэIукIэ, 1873 гъэм граф Евдокимовыр щыщIалъхьэжа щIыпIэм. ТхьэлъэIур
иригъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI
щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. Щоджэным къызэхуэсахэм Псыхуабэ, Черкесск
щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт фIыщIэ хуащIащ. Евдокимовым и кхъащхьэу
щытам деж удз гъэгъахэр тралъхьащ.
Тэрч къэзакъхэм я зэгухьэныгъэм и щIэныгъэ советым щыщхэр зыхэта
къэпщытакIуэ гупым класс нэхъыжьхэм щIэсхэмрэ студентхэмрэ я лэжьыгъэ 25-м
хэплъащ «Жизнь и деятельность генерала Н.И. Евдокимова» темэмкIэ. Къэхутэныгъэ
лэжьыгъэ нэхъыфI зыгъэхьэзыра цIыхуихым аргуэру хэплъэжри япэ, етIуанэ, ещанэ
увыпIэхэр ягуэшащ.
Х Евдокимовскэ къеджэныгъэхэм пашэ щыхъуащ Къэрэшей-Шэджэсым щыщ
Семененкэ Алексий. Лауреатхэм щихънагъ Феофилакт и Iэ зыщIэлъ щIыхь тхылъхэр,
тхыдэ тхылъхэр, Клычников Юрий и «Солдат империи Николай Иванович Евдокимов»
лэжьыгъэ ар дунейм зэрехыжрэ илъэси 150-рэ щрикъум къыдагъэкIар хыхьэу иратащ.