Епархием и къуажэхэмрэ станицэмрэ къэзакъ шууей зэгъусэ тхьэлъэIу щекIуэкIащ

17.05.2023
Просмотры: 2269

2023 гъэм накъыгъэм и 11-14-хэм Псыхуабэ епархием щекIуэкIащ къэзакъхэм я 
шууей зэгъусэ тхьэлъэIу Тэрч къэзакъыдзэм и щихъ апостол Варфломей и къарум щыщ 
Iыхьэхэр яIыгъыу. Къэзакъ шууей 50, щоджэнитI ящIыгъуу: щоджэн Капарулин 
Константин (Георгий епархие), щоджэн Федюнин Дионисий (Псыхуабэ епархие) 
Минераловодскэ районым и Розовкэ къуажэм щызэхуэсащ. 
Жор я щхьэр щагъэщхъым деж тхьэлъэIу щащIри, къэзакъхэр Марьины Колодцы 
къуажэмкIэ кIуащ. IутIыж тропарыр жаIэу къэзакъхэр къуажэм дыхьащ. Абы 
къуажэдэсхэр, члисэм и унафэщI щоджэн Пронь Алексий, дзэ атаман Кузнецов Виталий 
сымэ къащыIущIащ. Члисэм и унафэщI щоджэным тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ. Абы 
иужькIэ къэзакъхэм я шы зекIуэм щытекIуахэр ягъэлъэпIащ. 
КъыкIэлъыкIуэ махуэм шы зекIуэр Гереческэ, Нагутскэ, Крымгиреевскэ къуажэхэм 
кIуащ. Дэтхэнэ зы къуажэми щоджэнхэм тхьэлъэIухэр щрагъэкIуэкIащ. Къэзакъхэм 
закъагъэлъагъуэу фIыщIэ тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIа нэужь, зэгъусэ тхьэлъэIур и кIэм 
нагъэсащ. 
Къэзакъ шы зекIуэр Тэрч къэзакъыдзэм и зэгухьэныгъэмрэ «Терское общество 
любителей казачьей старины» фондымрэ я лэжьыгъэкIэ къызэрагъэпэщащ. Шы зекIуэр 
иригъэкIуэкIащ есаул Синицын Александр.

 

2269
Фотогалерея