ТекIуэныгъэм и махуэм Псыхуабэ епархием ЕссэнтIыгу щиIэ благочинием щыIащ
Черкесск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам екIуалIэхэр. Черкесск къикIа хьэщIэхэр
ЕссэнтIыгу къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм кIуащ. Члисэм и тхыдэм фIэщхъуныгъэ
зиIэхэм щахутепсэлъыхьащ унафэщI щоджэн Журавлев Михаил. Члисэмрэ тхыдэ
музеймрэ зыщрагъэплъыхьащ унафэщIым и дэIэпыкъэугъу Алферов Евгений.
Петропавловскэ члисэ комплексым щIыналъэ лъапIэм икIахэм щаIущIащ унафэщI
щоджэн Гриценкэ Виталий, хьэщIэхэм гуапэу епсэлъар, саугъэтхэр дэтхэнэми яритащ,
члисэ комплексым и тхыдэр къыщыхьа брошюрэр. ЗыплъыхьакIуэр иригъэкIуэкIащ
унафэщIым и къуэдзэ Перегодэ Светланэ.
ХьэщIэхэр гуапэу щрагъэблэгъащ къалэм и Никольскэ члисэм.
Благочиннэмрэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефанрэ я
жэрдэмкIэ хьэщIэхэм Iэнэ къыхуащтащ, члисэм и клирик къардэн Шевченкэ
Иоанн абыхэм заригъэплъыхьащ.
ЕссэнтIыгу станицэм и Успенскэ члисэм хьэщIэхэм къащыIущIащ члисэм
и унафэщI щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергий. Абы заригъэплъыхьащ,
екIуэлIапIэм и тхыдэм тепсэлъыхьащ, хьэщIэхэм шей ядефащ, саугъэтхэр
яритащ.
Гуапэу зэрырагъэблэгъар, щоджэнхэмрэ ЕссэнтIыгу благочинием и
члисэхэм я лэжьакIуэхэмрэ зэрепсэлъар къалэ-зыгъэпсэхупIэм теухуа гуапагъэу
ягу къинэжащ Черкесск къикIыу щIыналъэ лъапIэм къэкIуахэм.