ТекIуэныгъэм и махуэм Черкесск зэгъусэ тхьэлъэIу щекIуэкIащ

10.05.2023
Просмотры: 1812

Хэку зауэшхуэм и ветеран щоджэн нэхъыжь Афонин Василий иригъэжьа 
хабзэм пащэу, ТекIуэныгъэм и махуэм Черкесск фIэщхъуныгъэ зиIэхэм зэгъусэ 
тхьэлъэIу щрагъэжьащ Покров члисэм щыщIэдзауэ Хэку зауэшхуэ зэманым 
сымаджэщхэм щылIа зауэлIхэр щыщIалъхьэжа щIыпIэм деж.
Черкесск и члисэм екIуалIэхэм Псыхуабэ епархием Ищхъэрэ Къэрэшей-
Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр я пашэу 
ягу къагъэкIыжащ хэкIуэда зауэлIхэр икIи фIыщIэ тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ 
Хэку зауэшхуэм Тхьэм ТекIуэныгъэ иныр къызэрыдитам папщIэ. 

 

1812
Фотогалерея