Псыхуабэ и Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам щыIущIащ IутIыж махуэшхуэм

08.05.2023
Просмотры: 3882

2023 гъэм накъыгъэм и 7-м, IутIыжым и 4 тхьэмахуэм, Псыхуабэ, Черкесск 
щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт IутIыж махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ 
КъегъэлакIуэ Христос и цIэр зезыхьэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам.
Тхьэмахуэ литургием хыхьэу Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ 
Псыхуабэ епархием и щоджэнхэм Административнэ секретариатым и унафэщI щоджэн 
Яковенкэ Илия я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Псыхуабэ 
щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ.
Литургие, зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм 
узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи щоджэн нэхъыщхьэм и «Чристэн унагъуэ» саугъэтыр 
иритащ.
IутIыж махуэшхуэм щыпащащ Псыхуабэ и Соборнэ утым.

3882
Фотогалерея