2023 гъэм мэлыжьыхьым и 6-м, Тхьэм и Анэм и Благовещения махуэшхуэм,
Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ къалэм и Спасскэ
кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам махуэшхуэ тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ. Щоджэн
нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр
нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къалэдэсхэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ.
Щихънагъыр тхьэлъэIум хэтащ, махуэшхуэ Инджылым къеджащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм
гъэнэхуа дагъэр ящихуащ.
Мэлыжьыхьым и 7-м, махуэшхуэм архиепископ Феофилакт пащтыхь шэнтиуэ
махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ Минводы къалэм и Благовещенскэ члисэм. Щоджэн
нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием Минераловодскэ округым
щиIэ щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексийрэ къардэн нэхъыжь
Кубэ Димитрийрэ.
Щихънагъым хуит ищIащ щоджэн Бунтин Вадим щоджэн нэхъыщхьэм и жорыр
зэрихьэну, Минводы къалэм и Покров члисэм и щоджэным. Литургие нэужьым
щихънагъым зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ. Хабзэ зэрыхъуауэ тхьэрыкъуэхэр
уафэгум ираутIыпщхьащ.