АкъылыфIагъэ джэгур траухуащ Христос и IутIыжым

04.04.2023
Просмотры: 1195

2023 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м Псыхуабэ епархием и щIалэгъуалэ центрым 
щекIуэкIащ «Что? Где? Когда?» акъылыфIагъэ джэгур. Хабзэ дахэ хъуауэ епархием и 
округ псоми гуп-гупу щызэхуос нэщI Иным и махуэхэм, Члисэ гъащIэм теухуахэм 
зыхагъэгъуэзэн папщIэ. Иджырейр теухуауэ щытащ къэблагъэ IутIыжым: «Пасха. 
История. Богослужение. Традиции». НыбжьыщIэхэм къащIэн хуейт римлянхэм я 
пщэдджыжьышхэм, иудейхэм я шхын хабзэхэм ехьэлIахэр, IутIыж уэрэдхэмрэ урыс 
музыкэ хабзэхэмрэ зэрызэпыщIар, нэхъыщхьэращи, махуэшхуэм и тхыдэр ягу 
къагъэкIыжыныр, Христос ЛIахэм КъащIыхэтэджыкIыжам и мыхьэнэр щIыгъуу. УпщIэ 
гъэщIэгъуэнхэм я  фIыгъэкIэ кърихьэлIахэм щIэщыгъуэ куэд къащIащ. УпщIэхэр аудио, 
видео, сурэт, ашык Iэмалхэм тету ятащ. КъэпщытакIуэ гупым хэтхэр тепсэлъыхьащ 
жэуапхэм. 
Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс благочинием и гупыр текIуащ. ЕтIуанэр зэдагуэшащ 
Псыхуабэ, Новопавловскэ округхэм, ещанэр Кисловодскэ гимназием хуагъэфэщащ. 
НэхъыфIу джэгуауэ къалъытащ Новопавловскэ гупым щыщ Павленко Анастасие.

 

1195
Фотогалерея