Архиепископ Феофилакт щэбэт акафист тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ

02.04.2023
Просмотры: 1778

2023 гъэм гъатхэпэм и 31-м, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ 
Феофилакт Псыхуабэ къалэм и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам Акафистым 
къеджэу тхьэлъэIур щоджэнхэм я гъусэу щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм 
къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэмрэ. 
Щоджэн нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и 
хьэщIэхэмрэ. ТхьэлъэIу нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм екIуэлIапIэм кIуэхэм 
узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.
Мэлыжьыхьым и 1-м, махуэшхуэм архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие 
щригъэкIуэкIащ Иноземцевэ къуажэм и Успенскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм 
къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и Минераловодскэ округым и благочиннэ 
щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий, члисэм и унафэщI щоджэн Пытайло Иоанн, 
къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ 
зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи екIуэлIапIэм кIуэхэм окрыткэхэр яритащ.

 

1778
Фотогалерея