Архиепископ Феофилакт нэщI Иным и щэбэт тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ

26.03.2023
Просмотры: 1931

2023 гъэм гъатхэпэм и 25-м, нэщI Иным и щэбэт тхьэлъэIу литургиер Садовэ 
къуажэм и Никольскэ члисэм щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я 
архиепископ Феофилакт. 
Щоджэным къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием Лермонтовскэ округым 
щиIэ щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фаустов Константинрэ къардэн нэхъыжь 
Кубэ Димитрийрэ я пашэу. Щоджэн нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэмрэ 
къэзакъхэмрэ. 
Литургие нэужьым Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм захуигъэзащ икIи 
къулыкъур иригъэкIуэкIащ. ИужькIэ архиепископ Феофилакт Щоджэн нэхъыщхьэм и 
щIыхь тхылъыр псапащIэхэм яритащ. 

 

1931
Фотогалерея