Архиепископ Феофилакт Ленинскэ къуажэм литургие щригъэкIуэкIащ

12.03.2023
Просмотры: 1460

 2023 гъэм гъатхэпэм и 11-м, нэщI Иным и япэ щэбэтым, Псыхуабэ, Черкесск 
щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Ленинскэ 
къуажэм и Михайловскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ 
Псыхуабэ епархием и Минераловодскэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь 
Панасенко Алексий, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Беляев Сергий, къардэн нэхъыжь 
Кубэ Димитрий. Щоджэн нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ къуажэдэсхэмрэ Минводы 
къикIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэмрэ. Литургие нэужьым Щихънагъым 
фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ. 

 

1460
Фотогалерея