Архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ

06.03.2023
Просмотры: 1207

2023 гъэм гъатхэпэм и 4-м пщыхьэщхьэм Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я  
архиепископ Феофилакт Псыхуабэ къалэм и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам 
тхьэмахуэ тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ щоджэнхэм я гъусэу. Щихънагъыр тхьэмахуэ 
Инджылым къеджащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм гъэнэхуа дагъэм щыщ ящихуащ. 
2023 гъэм гъатхэпэм и 5-м архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер 
щригъэкIуэкIащ Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур 
драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэнхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ 
елъэIуащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэмрэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт 
тхылъ лъапIэм итхэм къеджа нэужь Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ 
захуигъэзащ. Литургие нэужьым архиепископ Феофилакт Чристэн къулыкъур ищIащ. 

 

1207
Фотогалерея