2023 гъэм гътхэпэм и 4-м Псыхуабэ къалэ-зыгъэпсэхупIэм и Администрацэм
щекIуэкIащ Тэрч къэзакъыдзэм и округхэмрэ районхэмрэ я Правленэм и зэхыхьэ. Ар
иригъэкIуэкIащ Тэрч къэзакъыдзэм и атаман къэзакъ генерал Кузнецов Виталий. ЗэIущIэм
и хьэщIэ лъапIэ хъуащ къалэм и Iэтащхьэ Ворошилов Дмитрий.
Зэхыхьэм хэтащ Псыхуабэ епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и
унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефан. Щоджэныр къэзакъхэм ехъуэхъуащ НэщI
инымкIэ икIи Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэр
ялъигъэIэсащ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и атаманхэм защыхуигъазэм
щоджэным гу лъаригъэтащ къэзакъхэм зэкъуэтыныгъэр яхъумэн зэрыхуейм, я
фIэщхъуныгъэм емыпцIыжыну, Тхьэр къадэIэпыкъуну захуигъэзащ. Апхуэдэу зэIущIэм
хэтхэм жаIащ Тэрч къэзакъхэм я хабзэхэр, тхыдэр, щэнхабзэр яхъумэн, щIэблэр ягъэсэн
зэрыхуейр. Нэхъыщхьэращи, Хэкур зыхъумэхэм ящIыгъуу къэзакъхэр дзэ операцэ хэхам
хэтщ.