2023 гъэм гъатхэпэм и 4-м, НэщI Иным и япэ щэбэтым, Псыхуабэ, Черкесск
щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Дубровкэ
бгым тет Георгиевскэ цIыхубз къулъшырыфым и Георгиевскэ члисэм. Щоджэн
нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием ЕссэнтIыгу щиIэ округым и
щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Стефанрэ къардэн Нестеренкэ
Сергийрэ я пашэу. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуащ игумение Варварэ
(Шурыгинэ), къулъшырыфым и шыпхъухэм я гъусэу, «София» екIуэлIапIэ-пансионатым и
гъэсэнхэм, Кавказым и Минводы и къалэхэм къикIахэр. Щихънагъыр ехъуэхъуащ абы
щыIэ шыпхъухэмрэ пансионым и гъэсэнхэмрэ, НэщI Иным и япэ тхьэмахуэр и кIэм
зэрынагъэсам къыхэкIыу икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.