Къэбэрдей-Балъкъэрым и щоджэнхэм ягу къагъэкIыжащ щоджэн нэхъыжь Кубэ Иоанн и фэеплъыр

10.02.2023
Просмотры: 1478

2023 гъэм мазаем и 8-м илъэсих ирикъуащ щоджэн нэхъыжь Кубэ Иоанн 
дунейм зэрехыжрэ. Налшык округым и щоджэнхэм благочиннэ щоджэн 
нэхъыжь Бобылев Валентинрэ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрийрэ я пашэу 
щызэхуэсащ Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм, благочинием и унафэщIыр, 
щоджэныр ягу къагъэкIыжын папщIэ. Щоджэну зэрылэжьа илъэс 42-м щыщу 
34-м Иоанн Никольскэ члисэм и унафэщIу щытащ. Щоджэнхэм я гъусэу Тхьэ 
елъэIуащ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ Иоанн къыщIэхъуахэмрэ. ТхьэлъэIу литургие 
нэужьым щоджэнхэр Тхьэ елъэIуащ щоджэныр щыщIалъхьэжа щIыпIэм деж. 

1478
Фотогалерея